Фи ней къысщыхуэ тIуми.

– Месыр къопщыжыр, – жеIэ псыунэм къыщIэкIыжауэ къежэлIа хьэм едэхащIэу щыт Нэхунэ щилъагъукIэ. – А удыжьыфэри ар! Сэ нэхърэ и хьэр нэхъыфIу елъагъу.

Бжэр Iуехри, Жансурэт кIэлындорым тохьэ.

– Догуэ, а кIуэцIырыхун хьэм уедэхащIэу куэдрэ щIыбым удэтыну. Арыншами сысымаджэщ жори махуэ псом ущылъщ, уи щхьэм и жэрдэм пхуэмыщIыжу. ПIэм ухэгъуэлъхьэжыпэмэ хэт уи гугъэрэ узезыхьэнур? Сэ укъысщымыгугъ, азалыхь, сытри абы щIэпщIыхьу укъанэми субгъэдэмысыну. Схуэмыхь абрэмывэу къыстехьэлъэр щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ я нэхъыбэр мы къуажэжьу кIуэцIрыхуным зэрыщызгъакIуэрщ…

Къыхудэплъейуэ, и кIэр игъэкIэрахъуэу къыбгъэдэт хьэм и щхьэм Iэ делъэри, Нэхунэ унэмкIэ къеунэтIыж. «КъакIуэ тIэкIу узгъэшхэнщ» – жиIэ щхьэкIэ, и кIэр игъэхъейуэ щыт мыхъумэ, къэбакъуэркъым. Жансурэт дежкIэ къаплъэурэ мэпщIэу…

«Хьэри къысщошынэ, – и щхьэм хуопсалъэ Жансурэт. – Догуэ апхуэдизу сыалмэстыуэ пIэрэ сэ? Азалыхь къалэм сыдэкIамэ, нэхъ зызыгъэпIий лIыхэм нэкIэ сашхмэ. И щхьэр трачу «лIы уиIэ?» жиIэу къызэупщIи, нэгъуэщI псалъэ гурыхьхэр къызэзыдзи къахокI. Зы жэщ нэхъ мыхъуми срагъусэну ящIэмэ я мылъкур зэрыщыту къызатыну хьэзырхэри мащIэкъым. Дэнэт сэ сыздэплъар мы кIуэцIрыхунхэм я унагъуэм сыкъыщихьам. А къыстелIэхэм ящыщ зыгуэрым си нэр сыту темыхуарэт.

А иужьрей псалъэм кIэлындорым къытехьэжа Нэхунэ къыщрегъэч, иIыгъ башым тегъэщIауэ, къыпиубыд жьыр ерагъмыгъуейуэ ирикъухыурэ жеIэ:

– Сэ ар сыпсэуху уэзмыхъуэныну си гугъащ, ауэ иджы сэ къызупэсахэм, си щIалэ закъуэр зыхэбгъэт бэлыхьым ущхьэпырыкIыжу хэутэн дыпщIыну яужь ущихьакIэ схуэшэчыжынукъым. Догуэ, уэ укъыщытшам узэрыщытар пщIэжу пIэрэ?

– Дауэ сызэрыщытар, жыIэ! Сыделэт, сыкъэхьпэт, сынэмысыншэт. КъэIуатэ, зо, иджыпсту жыпIэну узыхуейуэ хъуар!

– Хьэуэ, нэмысыншагъэ лъэпкъ бдэтлъэгъуакъым. Ауэ, си псэм хуэдэ, иджы убэта щхьэкIэ, ди унэ укъыщихьам башым ухуэдэт, пщыгъ чэсыргей бостей текIыжар, хьэнцигуащэм щатIэгъам хуэдэу, пщылэлырт, уи нэкIур си Iэгум хуэдиз хъуртэкъым. Хэт уи гугъэрэт уэ абы щыгъуэ укъыфIэIуэхуу къоплъынур. Фыбынунагъуэшхуэт. Уи адэри фадэм итхьэкъуауэ, къилэжь тIэкIур ирифыж мыхъумэ, зыкIи унагъуэм и сэбэптэкъым. Уи анэри, ефэн щыригъэгъэтын и гугъэу, куэдрэ абы еныкъуэкъуащ, арщхьэкIэ хигъахъуэ мыхъумэ хигъэщIыртэкъым. Пщыхьэщхьэ къэс ефауэ унэм къекIуэлIэжырт, жэщ псо къыщыти къэхъурт. ЦIыхубзхэми яхуэхейтэкъым. Апхуэдэ гъащIэ гъэкIуэкIэм уи анэри лъэныкъуэкIэ иригъэплъэкIащ.

– Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр?! – БауэкIэщI мэхъу Жансурэт. – Къэхьпэуэ, куэпэчу, и дзэлыфэ къыхуэзытI лIым и IэплIэм зригъахуэу си анэр псэуауэ жыпIэну ара узыхуейр!

– Хьэуэ, Жансурэт, си гъащIэм цIыхум кIэрымылъ кIэрыслъхьакъым, хуэмыфащэ хужысIэну сыхэткъым. Ауэ щIыкъатиблым щыбгъэпщкIуну ухуейжьэми, «Жьуджалэ пэтрэ мэхашэ» жыхуаIэращи, зэ пэжыр и гущ1ыIу къэхъунущ. Сэри уи анэм пцIы кIэрыслъхьэркъым. Уэ къэбгъэхъея псалъэмакъым ипкъ иткIэ си нэгу щIэкIар пхуэсIуэтэжу аращ.

Уи анэр зыкIи згъэкъуаншэркъым. Абыи псэ Iутти ныбжьри хэкIуэтатэкъыми, бын пIыным щытехьэулеикIаи къэхъуащ. Уэри уцIыхубз цIыкIут, бынми уранэхъыжьти, узыхуей ущыхуэмызэм, уи анэ шыпхъум узриубыдылIэри уипIащ, абы деж ущыIэуи ди унэ укъихьащ.

А псори сэ къыщIэсIуэтэжыр узгъэпудыну, узгъэикIэну аракъым, зыми жезмыIэуи хьэдрыхэ здыщIэсхьэну къыщIэкIынт уэ унэхъыфIу, дэ дынэхъыкIэу къыщIебгъэдзыну, си щIалэ закъуэр хэутэн пщIыну ухэмытамэ. Уэри умыделэмэ акъыл гуэр абы къыхэпхынщ. «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс» ауэ сытми адыгэм жиIакъым. ЦIыхум нэгъуэщI зыгуэр игъэикIэну, е игъэпудыным и пэкIэ езыр зыщIэгупсысыжын хуейщ.

А сэ бжесIахэм пцIы гуэр хэлъу къыпфIэщIмэ, ди хьэблэм дэс фызхэр щыхьэту къэзгъэувынщ. Абыхэм псори я нэгу щIэкIащ.