– Хэт ар? Къыщ1ыхьэ.
– Хэт уи гугъэрэ уи деж къэкIуэнур! Уэ зыгуэр къыпхуеиж уи гугъэм укъопцIэ. ЩIыкъатиблкIэ щIыхьэн джэдуращ уэ къыпхуейуэ мы дунеижьым тетыр. Уи пIэ лъапэм темыкIыу ебгъэсащи унэм щIэкIынукъым. Хьэ, джэду жыпIэмэ, уи нэхур щащ. ИкIэщIыпIэкIэ уакIэлъыкIуэж абыхэм узыхуейр арамэ.
Хьэми бжэм къепIэстхъыу щIедзэ, зэзэмызи хопщIэукI.
– Уэри сыт узыхуейр, щIым щIыхьэн! – мэкIий Жансурэт. И Iухи и еуи зыуэ бжэм и пхъэрыгъажэр хьэм иреутIыпщ. И лъакъуэм трегъахуэри пщIэууэ хадэм йолъадэ.
– Ан-на гущэ, сэри сэщ, а зи бзэ мыпсалъэхэм щхьэ апхуэдизу уахуэгын. Ахэр сэ щхьэкIэ гузавэу аращ. Сызэрысымаджэр ящIэри, къызбгъэдэсыну хуейхэщ. МэжэлIауи къыщIэкIынущ. КхъыIэ, Жансурэт, къомыхьэлъэкIынумэ, тIэкIу гъашхэ ахэр. Тхьэмахуэ кIуам къэпхьа курпIэ тIэкIур мо шкафым дэлъщи хъудырыпс яхуэгъави ет, псапэ хъунщ.
– Азалыхь, къысхуэбгъуэтам псапэ къызэрысхьын. Ахэр сымыгъэшхауэ уэ усхуэгъэшхащэрэт. Аращ езыр мывэ зэпыхыну къысщыхъур. Азалыхь, псапэ хъухэну щытмэ, ирикъуным уэ сэ пхуэсщIэр. Си щхьэ, си бын, силI жызмыIэу псори зызодзэкIри тхьэмахуэ къэс уи деж сыкъокIуэж. Псапэ къэхьыпIэу уи гугъэкъэ ар. Псапэ, псапэ. Уэст щыIэкъым сэ абы щхьэкIэ. Азалыхь, псапэкIэ псори зэфIэкIыу щытамэ, фIы гуэр цIыхум къеуалIэтэмэ, сызыхуей псори къызэгъэтIылъэкIауэ сыщыстэмэ сэ иджы.
– АтIэ псори апхуэдэу къыщохьэлъэкIкIэ зыми ухэмыту зыгъэпсэху, – жеIэ Нэхунэ къыхудэшей къудейуэ.
– Зыгъэпсэху, зыгъэпсэху! СиIэ сэ сытми апхуэдэ насып. Зэпыту укIуэ псори, къыщиудауэ магъ Жансурэт. – УхэлIыхьауэ щытмэ, дяпэкIэ лъэмбытI къэсчынкъым мы къуажэжьым. «Къуажэ, си адэжь и щIапIэ», – аращ а уи къуэ гъэфIами и бзэгум пымыкIыр. Абы хуэзгъэувынущ мыпхуэдэу: е уи анэмрэ уи къуажэмрэ, е сэрэ уи бынитIымрэ – хэди узыхуейр къыхэх, афIэкIа схуэшэчыжынукъым къалэмрэ къуажэмрэ я кум итыныр.
– Апхуэдэу жумыIэ, Жансурэт. Гупсысэ хыумыдзэ аргуэру а си щIалэ закъуэр, иджыри тIэкIурэ зыхуэгъэшэчыж, сэ схьыжын щыIэкъым, Алыхьри бегъымбарри узогъэлъэIу.
– Куэд щIащ сэ ар зэрызэхэсхрэ, зы илъэскъым икIи ил1эсит1къым абы лъандэрэ екIуэкIар. «Сэ схьыжын щыIэкъым» – жыпIэурэ азалыхь си нервхэр зэхэпфыщIауэ си тэмакъым зы бжьизи щIэмыхуэж.
– Ан-на, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ жумыIэ. Сыт сыбгъэщIэнур атIэ, си IэкIэ си псэр схухэхыжыркъым, ахъумэ зы махуэ сыпсэуну сыхуейтэкъым. СылIэмэ, фэри фи лъакъуэм банэ хэхужынти, тыншу фыпсэунт.
– Азалыхьу ди тхьэу тхьэшхуэм а си натIэм тыншыгъуэ къритхауэ къыщIэкIынтэкъым. Гугъу уехьу ебгъэжьакъэ, улIэжыху апхуэдэу епхьэкIынущ. Сэри арауэ къыщIэкIынщ сызыIуува IэнатIэр.
ПщIантIэмкIэ хьэ банэ макъ къоIу. Нэхунэ и щхьэр къеIэтри, щхьэгъубжэмкIэ доплъ. ИтIанэ Жансурэт дежкIэ и щхьэр къегъазэри, къызжьэхэмылъащэрэт жыхуиIэу, зэхэпх къудейуэ жеIэ:
– ЩIалэр къэсыжауэ къыщIэкIынщ, щIэкIи плъэт.
– КъэкIуэжамэ, куэду фIыщ, зикI зыщIыпIи кIуэнкъым а уи напщIэм телъ щIалэ гъэфIар.
– Абы хуэдэ мыгъуэ гъэфIа жыхуаIэр сытми, – щхьэц зэхэзэрыхьар и Iэ ижьымкIэ ирилъэщIэхыурэ къызэфIэт1ысхьауэ жеIэ Нэхунэ. – Ар гъэфIэну щыщытар щищIалэгъуэрщ. ПщIантIэм дэкIамэ, къыдыхьэжыхукIэ пэплъэрт и адэ тхьэмыщкIэр. И акъылкIи, и щIэныгъэкIи, и цIыхугъэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи псоми ятекIуэу щигъэтынут ар абы. Езы щIалэри апхуэдэу къэхъуащ. Ар институтым щыщIэсам и гурыхуагъыр яхуэIуэтэщIыртэкъым. Зыри къытемыкIуэу еджащ. Къиуха иужькIи а институт дыдэм къагъэнэжауэ щылажьэрт. Мис а дисертацэ жыхуаIэми яужь ихьауэ жэщ, махуэ имыIэу елэжьырт. Сэращ псори зи лажьэр, сэра! Абы и насып къэкIуэнур си IэкIэ зэпызудыжащ. «Зэран ухуэмыхъу мы щIалэм, хущIыхьэнщ абы фыз къишэну» – къызжиIэрт и адэм, арщхьэкIэ си унэхъугъуэти си тхьэкIумэм ихьакъым. «Сэ жьы сыхъуащ, икIи сысымаджэрилэщ, сымылIэ щIыкIэ къаши сыгъэлъагъу, – жысIэу зесхуэурэ сымыгъэпсэууэ фыз къезгъашэри и насыпыр си IэкIэ зэпызудащ. Фыз яIэу еджэхэр гъунэжти, сэри аращ абы сыщIытегушхуар, арщхьэкIэ…