– Арат узыхуейр? Модэ сэ сыкъыщумышэм щыгъуэ утелIэу узыпылъу щыта Джырандокъуэхэ я пхъужьыр иджыри лIы дэмыкIуауэ, шы лIа хьэ енэцI хуэдэ, къожьэри дэсщи къэпшэнщи утыншыжынщ.

– Аращ, папэ, а мамэ хуэфащэр,– жеIэ Маринэ и адэм худэплъейуэрэ,– къашэ Джырандокъуэ я пхъужьыр.

– А сымылъагъужу щIы къатиблъкIэ ежэхын, еплъыт абы жиIэм! ИкъукIэ утхъэнщ уэ ар уи адэжьым къишэкIэ. Уи щхьэцым цIакIэр къыхэлъэлъу къуигъэкIухъынщ.

– ИкъукIэ сыщыуат сэ ар къэзгъанэу уэ ди лъахэм укъыщисша махуэм. Зы мыхъуми абы фIыуэ сыкъилъагъурт. ЩIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэ нэхъ мыхъуми ди унэ имылъми фIэIэфIыпсу ишхынут. Зы къысхуимыщIэми си анэжь закъуэр игъуэ нэмысу щIым щIихуэнтэкъым.

– Еплъыт абы жиIэм. Догуэ, уэрауэ пIэрэ ар? Сыту жьэфI зыщIэпхрэ уэ нобэ. УзэзыгъэкIуэкIын гын уамыгъэшхауэ пIэрэ? Джырандокъуэхэ я пхъужьым дыуэпс къыпIуимыгъэхуауэ си фIэщ хъуркъым. Сэ фи унэ сыкъызэрихьэрэ екъуэкIа илъэсхэм нобэ къызжепIам и Iыхьэ щанэ уи жьэм къыжьэдэкIыу зэхэсхакъым.

– АтIэ зэгъащIэ быдэу: нобэр къыздэсым сэ уэ пхуэсшэчар дяпэкIэ стезэгъэжыну уи мыгугъэ.

– Апхуэдизу сумыгъэшынэ,– ифI зыкъришэжын мурад иIэу, Жансурэт и нэщхъыр зыхехри мащIэу къыпогуфIыкI.

– Сэ сыгушыIэркъым, си фIэщ дыдэу жызоIэ.

– АтIэ уи фIэщмэ, тхьэр бгъэпцIакъэ, плъэкI къыумыгъанэ. Уи ней къысщыхуэ. ИкIи нэхъапэхэм хуэдэу сыщIэпхъуэжу си анэм деж сыкIуэжыну уимыгугъэ… Нобэр къыздэсым зыщIэпшыIар щIы къатиблкIэ ехын а уи анэжьыр щылIэнум упэплъауэ ара?

– ЗэтепIэ уи жьэр!

– УкъысщIэмыкIие! Уи шы пэщхъын сыкъихуакъым.

– Сыт укъысщIэмыкIие жыхуэпIэр! Дунейр гуфIэгъуэу, бампIэ тегъэупIэу, чэнджэщэгъу пэжу щызиIа си анэр уи жьэм гууэтэпс ищIри зыкъимыужьыжу лIащ. Уэ апхудизкIэ блэр зэраукIа башым ухуэдэщи, зи бзэр мыпсалъэ хьэмрэ джэдумрэ я щхьэр пщIантIэм дебгъэхащ. Абыхэм дерс гуэр щхьэ къыхыумыхрэ уэ? Сэ сыделъэщ ахъумэ «А уи анэжьыр афIэкIа схуэшэчыжынукъым» – жыпIэу ущIэпхъуэжу мазэм щIигъукIэ фи деж ущыщыIам сынакIуэу укъэсшэжынтэкъым. Абы щигъуи си пIэм сизымыгъэзэгъар уи нэм бжэгъуу къыщIэуэу щыта си анэрщ. «Анэ зиIэм ехъуапсэу щIалэ закъуэ къомыгъанэ. Жансурэт къыумышэжу щытмэ быдзышэу узэзгъэфар уи хьэрэмщ», – жиIэу къыспэгъуэлъри, адэкIи мыдэкIи сигъэбэкъуакъым. Дэ ди щхьэцым зыц химыгъэхун щхьэкIэ абы зигъэлIэнут. БампIэу и гум дэплъхьар зыхуигъэшэчащ, унагъуэр дызэтримыкъутэн щхьэкIэ.

– Азалыхь атIэ иджы сыкъинэпамэ,-мыукIытэу и дзэлыфэ етI Жансурэт.

– Абы щыгъуэ Мурат фIэкIа, къэзгъэзэжа иужь Маринэ цIыкIу… КъакIуэ мыдэ,си псэм хуэдэ,-Маринэ дежкIэ и Iэр еший.

– СынэкIуэнукъым. Уэ фIыуэ сыкъэплъагъуркъым,– адэм и кIуэщIым зрекъузэ Маринэ.

– Плъэгъуркъэ ар! Уэри уэ,– и Iэр хуегъэдалъэ.– Къыпачауэ ещхъщ и адэжьым, мылым хуэдэу щIыIэщ и гур.

– Пэжкъым, хуэбабзэщ си гур. Мис къеIусэт, папэ,– и адэм и Iэр ехьри и бгъэм трелъхьэ, – Хуабэкъэ?

– Хуабэ къудейкъым, Маринэ, пщтырыбзэщ.

– Зэхэпхрэ папэ жиIэр?

– Уэ къыбгурыIуэм фIэкIа имыщIэжащэрэт а зи куэщI уитым.

– Сыт уэ папэ къуищIар? Сыноуэнщ тхьэ,– жиIэурэ Маринэ и IэштIым цIыкIур абы хуегъэдалъэ.

– Плъагъуркъэ а кIуэцIырымыхуным жиIэр! Сэращ мы унэм лейуэ щIэсыр,– и нэпсым къызэпижыхьауэ мэгъынанэ Жансурэт.

– Азалыхьу мы ди щыгум итым солъэIу икIэщIыпIэкIэ сыфхихыжыну. Сужэгъуащ си щхьэр. Сыхуейтэкъым зы махуэ сыпсэуну.

Жэщыр хэкIуэтати, и анэр зыщIэлъа пэшым щIохьэри, и гущIыIур дэгъэзеяуэ Мурид зегъэукIурий. Щылъщ унащхьэм еплъу. И нэм жей къекъуэркъым. ИгукIэ мэпсалъэ ар. ЖиIэри мыращ. «Си анэжь закъуэри щIэслъхьэжащ. Хьэмрэ джэдумри ябгынащ пщIантIэр. НэщI хъупащ си сабиигъуэр щызгъэкIуа адэжь лъахэр. Сэри си закъуэ дыдэу сыкъэнащ. Зы къуэш закъуэ сиIэти, ар бампIэм зыгуиудри,игъуэ нэмысу дунейм ехыжащ. Абыи щхьэгъусэ хуэхъуар хъерсыз гуэрт. И гум хуэдэу быдэ мывэ Балъкъ псыхъуэм дэбгъуэтэнтэкъым. Си къуэшыр псэуху зы махуэ игъэтыншакъым, ерыскъы IэфIи иригъэшхакъым. И щхьэр зыхуей зэрыхуигъэзэн, зэрызигъэдэхэн фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэрихуакъым. И гурыфI къыщикIам деж, кIылий-мылий зыхуищIурэ къигъэпцIэну хэтт. Си къуэш тхьэмыщкIэм ар и фIэщ хъурти, къыкIэлъызэрихьэ мыхъумыщIагъэ псори щыгъупщэжырт. ЗигъэпIийуэ, сэ схуэдэ хэт щыIэ жиIэу къикIухьырт. Си къуэшым щIыгъуу ар зэзэмызэххэ фIэкIа пщIантIэм дэкIыртэкъым. Абы гу лъатауэ къеупщIхэми, пыухыкIауи жэуап яримыту, и щхьэр лъэныкъуэкIэ ирихьэкIырти ежьэжырт.