– Сыт щхьэкIэ? – къоуIэбжь Мыщэ, – ар дауэ уи псэм тебгъэхуэну! Къелэжь абы Алыхьым и нэлат псори.
– Хьэуэ, тIэсэ, сэ сыхуейкъым си зэранкIэ ар бэлыхь хадзэну. Сыт хуэдэу къысхущымытами, си къуэм и щхьэгъусэщ, си къуэрылъхухэм я анэщ. ЩыремыщIэ а си псэр зышхынхэр анэ гулъытэ.
– Мис апхуэдэу ухущытти аращ дунейм ущытетми ар къыпкIуэцIытIыхьу ущIигъэпсэуар, – жеIэ Мыщэ.
– КхъыIэ, Нэхунэ, – мэлъаIуэ КIущэ, – хъунумэ къыджеIэ уэ щхьэкIэ бегъымбархэм я тхылъышхуэм иратхауэ къызыпхуеджэжар.
– Сыт щхьэхуэу абы и гугъу щIэзвгъэщIыр, – жеIэ Нэхунэ, – ар си кхъэлэгъунэм и теплъэм къегъэлъагъуэ.
– Ари пэжщ, ауэ итIани мелыIычыр къызэреджэ дыдэм хуэдэу къыджеIэжыт, – мэлъаIуэ аргуэру КIущэ.
– Хъунщ, ауэ щхьэщытхъугъэу къыфщымыхъу. МелыIычым IэщIэлъ тхылъышхуэм и напэхэр къызэригъэдзэкIыурэ ди къуажэм щыщу мы ахърэтым къэкIуэжахэм я деж щынэсым, си цIэр жеIэри, си тхьэкIумитIымкIэ зэхэсхыу къоджэ: «ЦIыхухэми псэ зыIуту дунейм тет нэгъуэщIхэми я жагъуэ ищIакъым, ягу хигъэщIакъым, и адэ-анэм, и щхьэгъусэм, и бынхэм я тыншыпIэ лъыхъуащ, ерыскъыкIэ хэти хуэжумартащ,зы дзэкъэгъуэ фIэкIа и унэ щIэмылъами, ар тIу ирищIыкIыурэ, зыр мэжалIэм иритащ, гъунэгъухэр, Iыхьлыхьэр фIыуэ илъэгъуащ, игъэпэжащ, и гум илъыр зыуэ, и жьэм къыжьэдэкIыр нэгъуэщIу, пцIы иупсу, хьэрэм ишхыу дунейм тетакъым…»
– Иджы, си псэм хуэдэхэ, фэри фыкIуэж, сэри тIэкIу зызгъэпсэхунщ, – жеIэри Нэхунэ и напIэр иредзыхыж.
***
Мурид къэушмэ, а псори пщIыхьэпIэу и нэгум щIэкIауэ арат. Ауэ и анэм и ахърэтыр зэрыдахэм, азалыхьыр къызэрыхуэарэзым щыгуфIыкIыурэ и Iупэр фIызэтежу пIэм къыщитэджыкIкIэ, Жансурэт гу лъетэри:
– Сыт ущIэгуфIэр? Уи хьэм бажэ къиубыдауэ пщIыхьэпIэ плъэгъуауэ ара?
– Слъэгъуащ пщIыхьэпIэ, пщIыхьэпIэфI дыдэ! Си анэм и ахърэтыр нэхущ, Азалъыхьым узэрелъэIуну и кхъэлэгунэм нурыр къыщIех. Аращ- тIэ, цIыхуфIу дунейм утетамэ ахърэтми Iыхьэншэ ущыхъунукъым.
– Мыщэхумэ сэри сыщIэгъэдэIут апхуэдизу узыгъэгуфIа пщIыхьэпIэм,– зэрыпхъанкIэ жыхапхъэр и Iэгум иригъэкIэрэхъухьурэ гъуэлъыпIэ Iэдийм Жансурэт зыкIэрегъащIэ.
– Ар пхуэсIуатэкIэ зы мыхьэнэи уэркIэ иIэкъым, дерс гуэри къыхэпхынукъым. Уэ птеухуауэ къэрэндащ фIыцIэкIэ бегъымбархэм я тхылъышхуэм иратхар си тхьэкIумэкIэ зэхэсх хуэдэщ.
– Уэ сэ слъагъум уи акъылыр зэIыхьауэ нэху укъекIащ. Сыт мыбы къэрэндащ фIыцIэ, бегъымбар тхылъ жиIэу къивыр,– къэгубжьауэ иIыгъ жэхапхъэмкIэ хущIэрыуэурэ пхъэнкIийр бжэ къуагъым къуетхъуэри жэхапхъэр бжэмкIэ едз.
***
ПсэупIэ ищIынумкIэ Мыщэ куэдрэ гупсысэнкъым. Ар мэзым щIыхьэжыну хуемыжьаи, губгъуэ нэщIым ихьэжу, зы дзэкъэгъуи зыIуимыгъахуэу зигъэлIэжыну пымыхьаи, псым зыхидзэу зыригъэтхьэлэжмэ нэхъ IуэхузэфIэкIыу къыфIэмыщIаи, хьэубыдхэм запэщIигъахуэу и псэр игъэныну игу къэмыкIаи.
Щысщ Мыщэ зытриубыдэнур къыхуэмыщIэу. ИтIанэ ехьэхауэ щыта и щхьэр къеIэтри, и пащхьэ къисIауэ къедауэ фIэкIа умыщIэну,жеIэ:
– Хьэуэ, Хьэуэ! Сыщоуэ. Хъунукъым а псори хэкIыпIэ. Псэун хуейщ, псэун! А си гум къэкIа псори Iимансызыгъэщ. Апхуэдэ зыгуэр зэсщIэжауэ Нахунэ къищIэмэ, ауэ сытми и жагъуэ хъункъым. Ар дэ фIыкIэ къытщогугъ. НэгъуэщI лъэмыкIми и фэеплъу къэна пщIантIэжьым зэзэмызэ дыкIуэурэ зыщытплъыхьынщ, сымаджэ щыхъуам унэм къыщIэкIыурэ зи жьауэ щIэсу щыта кхъужьей жыгыжьым Нэхунэ и фэ етплъынщи щхьэщэ хуэтщIынщ. ЗыбукIыжыныр е мыхъумыщIагъэ зэпщIэжыныр лIыгъэкъым, атIэ лIыгъэншагъэщ. Узэрыхуэ гугъуехьым укъикIын щхьэкIэ пхуэщIэ лъэпкъ къэбгъанэ хъунукъым. Сэ сщIэращи, сеуэнщи сыкъыщалъхуауэ щыта Iэщ фермэм сыкIуэнщ.
ЦIыху илъагъумэ запыIуидзыурэ, Мыщэ фермэмкIэ еунэтI. Гъуэгу здытетым Iэджи и гум къокI. Мэгузавэ. Къигъэзэжыну къыщызэтеувыIи къыхуохуэ. Сытми чэнджащэурэ фермэм носри, гъуэгубгъум егъэкIэкIа кIарц жыгхэм хохьэ. Иджы зэгупсысыр фермэм зэрытехьэну щIыкIэрщ. АбыкIэ маплъэри щытщ. Iэщыхъуэхэм я унэ бжэIупэм хьэхэр Iулъщ, дыгъэ зыраугъэури. А дакъикъэм абыхэм йохъуапсэ Мыщэ. Гукъеуэ лъэпкъ ямыIэу загъэпсэху. Езым и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыж. И закъуэщ. Чэнджэщэгъу къудеи иIэкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэ псэужамэ нобэ зыхэт бэлыхьым хэхуэнт ар сытми. «Хьэуэ, – жеIэ Мыщэ, – хьэщIапIэ кIуэуэ бжэкъуагъым къуэувэжам ещхьу сикIуэтыжынкъъым. Сыт хуэдэу щымытми си лъэпкъэгъущ ахэр. СакъыгурыIуэнщ. Я щхьэ сырапэсынщ. НэгъуэщI мыхъуми Алыхьым дежкIэ плъэнхэщ».