– Тобэ ирехъуи, – жеIэ Шэмсэдин, я бзэр мыпсалъэ пэтми, Нэхунэ зэрыщымыIэжыр къагурыIуауэ нэщхъейуэ аращ.

– Мыщэ кхъэм кIуэри, си анэм и кхъащхьэм бгъэдэсащ, – жеIэ Мурид.

– Уи фIэщу жыпIэрэ?! – къоуIэбжь Исмел. – Модэ феплъыт, тхьэм ирещIи я тIур гукIэ зопсалъэ. Псэущхьэхэр, псом хуэмыдэу хьэр губзыгъэщ.

Жэщыр хэкIуэтауэ гъуэлъыжа иужь, Мурид пщIыхьэпIэу и нэгум щIокI:

– НытIэ, КIущэ, уэрэ сэрэ ди псэукIэ хъунур сыт? – щIоупщIэ Мыщэ.

– СщIэркъым, сщIэ мыгъуэркъым.

– Сэ сэлъытауэ, уэ уи Iуэхур нэхъыфIщ, КIущэ. УмэжалIэмэ, нэгъуэщI умыгъуэтами дзыгъуэ е бзу къэбубыд хъунущ. Сэращ гупсысэ хэхуар. Хэт иджы сэ сызыгъэшхэнур? Хьэхэбасэу уэрамым сыдыхьэжыну къысхуегъэзэгъыркъым.

– Умыгузавэ, Мыщэ, иджы Мурид къуажэм къэIэпхъуэжыну къыщIэкIынщ. И анэм и лъахэр ибгынэнкъым. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэри гущIэгъу гуэр уиIэн хуейкъэ. Сыт хуэдэу щымытми илъэс Iэджэ хъуауэ мы пщIантIэмрэ Нэхунэрэ бохъумэ. Уи хьэтыркIэ мы лъахэр джэгупIэ ямыщIыжу хъума хъуащ. ПщIантIэм и закъуэ, хьэблэри къыпфIэлIыкIырт. Уэр щхьэкIэ Нэхунэ нэ лейкIэ къеплъхэрт.

– Хьэуэ, КIущэ, а уэ къыубжэкI къомыр зи фIыщIэр сэратэкъым, атIэ Нэхунэ тхьэмыщкIэрт. ЦIыхухэм фIыуэ къалъагъурт ар. И жэгъуэгъу дыдэхэми и зыгуэрым жиIэ хъуми занщIэу Iурагуэжырт.

– Пэжщ, КIущэ, а уэ жыпIэр. Ауэ Нэхунэ щымыпсэужмэ иджы дэри цIыхухэм тегушхуэгъуафIэ дыкъащIынущ. Абы шэч къытомыхьэ.

– Дауи, уэ узахуэу къыщIэкIынщ. СщIэртэкъым, сщIэ мыгъэркъым дэ къытпэплъэ псэукIэр зыхуэдэнур.

– Хэплъэгъуэщ, КIущэ, ди Iуэхур, хэплъэгъуэщ.

– Сэри фIыуэ сыкъилъагъурт, Нэхунэ,– къыщIоткIу КIущэ и нэпсыр, – пщэфIа нэужь, сэ япэ сигъашхэрти, итIанэт езыр Iэнэм щетIысылIэр.

– НэгъуэщI мыхъуми Жансурэт гущIэгъу гуэр хэлъу щытамэ аратэкъэ. Сигъэшхэн дэнэ къыщына – сыкъызэрилъагъуу сыт япэ къыIэрыхьэми къызеутIыпщ.

– Ар къызэрыкIуэжу си тхыцIэмкIэ сыкъеIэтри вырвырв жиIэу унэм сыкъыщIеутIыпщыкI. Нэхъапэм Нэхунэ къысщхьэщыжырт, иджы…

– Нэхунэ цIыху дыщэт, КIущэ. Абы и гъусэу дылIэу дыщIалъхьэжамэ куэдкIэ нэхъыфIт мыпхуэдэу зеиншэу дыкъэна нэхърэ. ИкъукIэ гупсысэгъуэшхуэщ ди Iуэхур.

– КуэдкIэ нэхъыфIт, Мыщэ.

– НакIуэ хадэмкIэ, КIущэ, ди псэукIэ хъунум дегъэгупсыс, унафэ гуэри дыгъэщI. ГущIэгъу къытхуэзыщIын мы пщIантIэм щыдэмысыжкIэ, дэри абы дэтщIыхьыжын щыIэкъым.

– Мурид-щэ, Мыщэ?

– Шэч хэмылъу уэрэ сэрэ абы дызыхещIыкI, дыфIэгуэныхьщ. КъыщыкIуэжкIэ лы къыздехьри дегъэшх.

– Сэри сегъэщх. Нэхунэ къыхуихьар щишукIи,къыпиупщIурэ къызитырт. Жансурэт сыкъиубыду пэкIэ сыщIивэу унэкум сыкъыщридзэкIэ Мурид къысщхьэщож. «Сыту пIэрэ уэ абы къуищIар», -жиIэу щыщIэгубжьэкIэ, къыжьэдэкIам хущIригъэгъуэжрэ жыпIэу, и макъым къызэрихькIэ кIийуэрэ Мурид иреудэкI: «Уигу щIэгъумэ, уи гупэ хэбгъэлъыну ухуитщ. Цыр къыхэлъэлъу ар мы унэм щIэзгъэсынукъым».

– Ар умыгъэщIагъуэ, КIущэ. Уэ унэм узэрыщIэсыр имыдэми, сэ мы пщIантIэм сызэрыдэс къудейр и псэм техуэркъым. И нэгум сыкъызэрыщIэхуэу IэлфIыцIэу къызокIуэкI. Сыт IэщIэлъми зыцкIэ ил мыузу къызеутIыпщ. Уэ сщIэркъым, ауэ сэ мы пщIантIэм си насып дэлъыжкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэм къызэрызжиIэжамкIэ, дунейм ехыжа и щхьэгъусэм сэ хьэпшыр цIыкIуу фермэм сыкърихауэ щытащи, абы сыкIуэжынщ.

– Дэнэ уэ а фермэр иджы къыздипхыжынур? Ар абы лъандэрэ якъутэжауэ къыщIэкIынщ.

– Хьэуэ, якъутэжакъым. ЗдэщыIэри Нэхунэ къызжиIауэ щытащ. Сэри абы сыкIуауэ щытащ, ауэ сытехьатэкъым. Щопсэу абы иджыри сэ сыкъызыхэкIа хьэ лъэпкъым щыщ. А фермэр къуажапщэмкIэ щыIэщ, Балъкъ псы Iуфэм Iутщ.

– Уи адэмрэ анэмрэ зыцIыхуу щыта абы тесыжмэ, дауи, уи хьэтыр къалъагъунщи уздагъэпсэунщ.

– Сэри, Мыщэ, сеуэу губгъуэм сихьэжын, жызоIэ. Хьэуазэ пыпхъуэ лъабжьэхэм, гъавэ щIапIэхэм сызыкъуэмылIыкIын дзыгъуэ щызгъуэтынщ. СылIэнкъым шхын щхьэкIэ.