– Хэтыт ар зымыдэр, Нанэ? Сытыт гъавэ къыщIывамытыр?
– Сэ сщIэ мыгъуэрэ, къэралыр къулейсызщ, зауэлIхэр, рабочэхэр гъэшхэн хуейщ жаIэрт. КъэщIэгъуейт дэтхэнэр къуаншэми, захуэми.
– АтIэ ар сыту цIыхухэм ядэрэт? Иджы цIыхухэр шхыдэу телевизоркIэ къагъэлъагъуэри, зыхуей хуамыщIэмэ, лэжьэн ядэркъым.
– Ар иджы. Абы щыгъуэ къэралыр, абы и унафэщIхэр быубу, псалъэ Iей яхужыпIэу зэхахмэ уапхъуатэрти тутнакъэщым урагъэтIысхьэрт. Апхуэдэурэ лажьэ лъэпкъ ямыIэу сытым хуэдиз лIыфI куэд ягъэкIуэда.
Нэхъыбэр бзэгузехьэхэм я зэранкIэ. Жыхьэнэр я унапIэщ абыхэм.
– Хэтыт бзэгу зыхьыр, Нанэ?
– ЩыIащ абы щыгъуэ апхуэдэ Iужажэхэр.
– Сыт Iужажэм къикIыр?
– Куэд пщIэну ухуейщ си нэ къуэлэн цIыкIум. Iужажэри? Ар уэ зы къыбжиIэу, адрейм нэгъуэщI жриIэу, и фэкIэ дэтхэнэм зыдригъэкIуну хэту, игукIэ зэгупсысыр нэгъуэщIу. «Iужажэр си ажалщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.Iужажэм зэи уи дзыхь ебгъэз хъунукъым. Фэри… – Нэхунэ хощэIукI. – Азалыхь, сызэрыхъур сымыщIэ, си гур къокIуэ», – жеIэ. ИтIанэ Нэхунэ и щхьэр къыфIэщIэ хуэдэу мэхъу. Мурат къеплъурэ, зыгуэр жиIэну хуожьэ, арщхьэкIэ и Iупэр пIэжьажьэ мыхъумэ зыри къыжьэдэкIыркъым.
– Мамэ! Папэ! Нанэ зыгуэр къыщыщIа си гугъэщ! – КIийуэ щIож унэм Мурат. Ягъэкъабзэу пщIантIэм дэт Жансурэтрэ Муридрэ унэм щIолъадэ. Нэхунэ, и гущIыIур зэрыдэгъэзеям хуэдэу, и нэр зэтепIауэ щылъщ.
– – Мамэ, сыт къыщыщIар? – и Iэ ижьыр Нэхунэ и натIэм трелъхьэ. И нэр мащIэу къызэтрехри, зыри жимыIэу, зытрепIэж.
– Сигу ирихьъыркъым мыбы и щытыкIэр, – жеIэ Мурид, – кIуэи псынщIэу Шэмсэдин къеджэ.
Жансурэт щIокIри, япэмыжыжьэу псэу Мурид и адэкъуэш Шэмсэдин къреджэ. Зыри жамыIэу щыри Нэхунэ щхьэщытщ. Муратрэ Маринэрэ гъуэлъыпIэ натIэр яIыгъыу зэм Шэмсэдин, зэми Мурид йоплъхэр, сыт къажьэдэкIыну пIэрэ жыхуаIэу. Шэмсэдин мэIэбэри, шхыIэн гущIыIум теукъэдия Нэхунэ и Iэр еубыд, и натIэм тоIэбэ.
– Нэхунэ, къаплъэт, сэращ ар, Шэмсэдинщ.
Нэхунэ и нэр къызэтрихыну зэрыхуейр къапщIэу, и напIэр мащIэу мэхъей, арщхьэкIэ абы къыфIэкIыу и псэр зэрыхэмыкIар кърипщIэну и Iэпкълъэпкъым щыщ зыгуэри игъэхъейкъым.
– Къаплъэт, тIэкIу къаплъэт, мамэ, – жиIэурэ и анэм и напэм Мурид толъэщIыхь. – Псы тIэкIу уефэн?
Нэхунэ и Iупэр зытрикъузэ хуэдэу ещIри мащIэу хощэIукI.
– ПсынщIэу кIуэи псы тIэкIу къэхьыт, – Жансурэт дежкIэ Мурид къоплъэкI.
Псы стэчанрэ бжамышхрэ къыбгъэдехьэ. Мурид ар къыIехри, лошкIэмкIэ псыр Нэхунэ и Iупэм ирехьэлIэ: «Мэт, мамэ, псы тIэкIу» – и Iупэ лъабжьэр мащIэу къыIуешри, ткIуэпс зытIущ IурегъаткIуэ, арщхьэкIэ и дзэ зэтекъузам адэкIэ имыгъакIуэу къыIурожыж.
– Мамэ, псы ухуейуэ жыпIати, – Мурид аргуэру бжэмышхым ит ткIуэпс зыбжанэ Нэхунэ ирехьэлIэ.
– Куэдщ, Iух, – жеIэ Шэмсэдин. ИтIанэ Жансурэт дежкIэ къоплъэри:
– НысащIэм, мы цIыкIуитIыр ди дежкIэ пшамэ нэхъыфIт, – Шэмсэдин щыжиIэкIэ къыбгъэдэт Мурид и нэпсыр и нэкIущхьитIым къытолъадэ.
Ар зылъагъу Маринэ цIыкIу къыщеудри гъынанэурэ щIоупщIэ:
– Папэ, сыт Нанэ и лажьэр?
– И гур къекIуауэ аращ. ФыкIуэ Шэмсэдинхэ я деж.
– Хъужынущ Нанэ, фынакIуэ фыныщIэкI мыбы, – къеплъэкIыурэ Маринэрэ Муратрэ унэм щIеш. Жансурэт къыщыкIуэжам деж хадэм къимыкI Мыщи кIэлындорым дэлъейуэ бжэм епIэстхъыурэ, мэпщIэу… И анэм зытриубгъуауэ Мурид зэщоджэ… Нэхунэ зэрыIэщIэкIыр и нэкIэ елъагъу. Сыт ищIэн – Iэмалыншэщ. Гызу зи псэр хэкI анэм къуэр иужьрейуэ и нэгум йоплъэж…
И къуэ закъуэр и кхъаблэм щIэту, Нэхунэ пщIантIэм дах. Жэнэзыуэ игъуэтари куэдкъым. Нэхъапэхэм хуэдэкъым иджы. Умыкъулеймэ, зыри къыпхуейкъым. ТхьэмыщкIэр лIа иужь, щIалъхьэну къекIуэлIар мащIэщ. Куэдым муслъымэнагъ я гум зэримылъыжыр абы къегъэлъагъуэ. Нэхунэ и къуэр къулыкъущIэшхуэу щытамэ, «Волгэрэ» «Тайотэу» абы къекIуэлIэнум ущIэмыупщIэт. Зым адрейр и ужьым иту, хуэгъэкIуэд жаIэурэ Мурид ахъшэу къыIэщIалъхьэнум бжыгъэ иIэтэкъым. Иджы сыт, мес, цIыху Iэрамэ тIэкIу и ужьым иту Нэхунэ тхьэмыщкIэр дах. Абы иужьрейуэ кIэлъыкIуэжхэм яхэту къыщIэкIынщ Нэхунэ щIалъхьэху кхъэм зэритыну зэманыр Iейуэ къызэхьэлъэкI. Ярэби, кIуатэ пэтми щхьэ цIыхухэр апхуэдэу гущIыIэ хъууэ пIэрэ?